-
1 пшынэ
гармонь/ Зи кур шэдыбжь теплъэ иIэу зекIуэ, макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэ.* Пшынэр мэбзэрабзэ, Iэгур мэжьых. Къ. Хь. Iэпэ пшынэр зэпагъэури Пшынэ фIыцIэр къыхахьащ. Япэу лъ. з.И пшынэм къыдэфэн (дежьуун) плясать под чью-л. дудку.* Молэм и пшынэм Къыдэфэ хэтмэ Уафэм дэплъейурэ Жэнэт хуолъыхъуэ. П. Б.пшынэ дыкъуакъуэ кабардинский музыкальный инструмент наподобие арфы/ Зи пшынэбзэхэр, гъущI чыданэхэр къандес теплъэ зиIэ пхъэ дыкъуакъуэм ешэкIа пхъэ пшынэ.* Пшынэ дыкъуакъуэмрэ накъырэмрэ зыгъабзэ лIитIыр джэгуакIуэм дежьурт уэрэдыр лъагэу яIэту. Т. Хь.пшынэ Iэпэ клавиша гармони/ Пшынэ щеуэкIэ чэзуурэ тракъузэу, трагъауэу ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ еблыха Iэпэхэр.* Пшынауэм пшынэр мащIэу зэгуех и къабзий IэпэхэмкIэ пшынэ Iэпэм ирожэри егъэбзэрабзэ. Iуащхь. Абы и дежым джэгуакIуэ Iэзэм и пшынэ Iэпэр хекъузэр. Щ. А.Пшынэ Iэпэр щIэуэн запасть - о клавише гармони.пшынэ Iэпэпс кожаное колечко для большого пальца на гармони/ Пшынауэм и Iэпхъуамбэшхуэ ижьыр зэрылъ фэ тхьэгъу.Пшынэ Iэпэпсыр зэпычащ.